-
1 адыгэ
адыги (самоназвание адыгейцев, кабардинцев и черкесов)/ Адыгэ лъэпкъхэр (адыгейхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр) зэрызэджэж цIэ.* Дэ, адыгэхэм, ди нэхъыжьыр ди гъуазэщ. Ад. фольк. Адыгэм я нэхъ мыгъуэми шыгъурэ пIастэрэ уигъэшхынщ. (погов.)адыгэ къамэ адыгский кинжал/ Адыгэхэм нэхъ зэрахьэу щыта къамэ лIэужьыгъуэ (къамалъэм и Iумрэ и кIэмрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIащ, и кур лъахъстэн фIыцIэщ).адыгэ къэб тыква/ Адыгэхэм хадэм щыхасэ къэб лъэпкъыгъуэ (и тхьэмпэхэр инщ, гъуэжьу мэгъагъэ, къэб къыщIэкIэхэр хъурейщ, шэжыпсыфэщ).адыгэ пхъэIэщэ см. пхъэIэщэ./ Адыгэхэм япэм ящIу щыта унэ кIыхь, и гупэ псом кIэлындор (пырхъуэ) ирикIуэу Iуту.Абы я пщIантIэм адыгэ унэ кIыхь дэтт.адыгэ фащэ адыгская национальная одежда/ Адыгэхэм зэрахьэ лъэпкъ щыгъыныгъуэхэр.* - Дауэ сщIыну, - игукIэ жиIэу лIыжьым адыгэ фащэ къыхуахьар щетIагъэ. Хь. Хь.адыгэ хабзэ адыгский этикет/ Адыгэхэм я дуней тетыкIэ, я хьэл-щэн, я нэмыс, я зэхущытыкIэ.* Михаил Ивановичыр адыгэ хабзэм щыгъуазэти, тхьэмадэ тIысыпIэр иубыдын идакъым: - Ар хъункъым, сэр нэхърэ нэхъыжь мыбы щIэсщ. Т. Хь.Адыгэ хабзэ хуэщIэн соблюдать адыгский этикет по отношению к кому-л.адыгэ цей черкеска/ Хьэзырхэр и бгъэм тедарэ и бгыр идыкIауэ адыгэ цIыхухъу щыгъын щIыIутель.адыгэ цIыхубз зэхь женщина, воспитанная в традициях адыгского этикета/ Адыгэ хабзэм щIапIыкIа, адыгэ нэмыс зыхэлъ цIыхубз.адыгэ шхын адыгское национальное блюдо/ Адыгэхэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэр.Iэнэр адыгэ шхынхэмкIэ узэдат.адыгэ Iэнэ адыгский трехногий столик/ Лъакъуищ щIэту адыгэхэм зэрахьэ Iэнэ хъурей.